13.04.2024г. Адыгэбзэ 11 “А”. Научнэ стиль.

Научнэ стиль.

Адыгэбзэм тхыгъэ хузэхэлъхьэным хущ1экъуахэм ящыщщ Хъанджэрий Сулът1ан. Абы итхыгъащ мыпхуэдэу: “Адыгэхэм тхыгъэ я1атэмэ,абы я бзэм щ1эхыу зиужьынт, псом хуэмыдэу усэбзэр икъук1э еф1эк1уэнт. Абык1э арэзы хъунщ адыгэ уэрэдыжьхэм яхэлъ гурыщ1эм къарумрэ абыхэм я псалъэмакъ мэкъамэмрэ нэсу къызыгуры1уэр”. Хъанджэрий Сулът1ан хьэкъыу пхык1ат , адрей бзэхэм хуэдэу, езыр къызыхэк1а лъэпкъым и бзэм алфавит хузэхэплъхьэ зэрыхъунур: “Сэ куэдрэ зэхэсх упщ1эм “Тхыгъэ е алфавит хузэхэплъхьэ хъунуп1эрэ а бзэм” и жэуапу шэч къытумыхьэжу жып1э хъунущ а 1уэхур нэсауэ зэрыпхуэлэжьынур, уеблэмэ зэрытыншри”. А жи1эр ирыригъэбыдэну, Хъанджэрий Сулът1ан и алфавитыр зыхуэдэм иджык1э дыщыгъуазэкъым, абы и 1эрытххэм щыщу езым и алфавитымк1э итхахэр нобэр къыздэсым къагъуэтыжа зэрымыхъуам къыхэк1к1э. Ауэ алыфбейм къыщигъэсэбэпар хьэрып хьэрфхэр арагъэнк1эу зэрыхъунум и зы щхьэусыгъуэщ Хъанджэрий Сулът1ан хьэрыпыбзи ищ1эу зэрыщытар.

1.Текстым псалъащхьэ хуэфщ1
2.Етх псалъэр фонетикэк1э зэпкърых
3. Къытумыхьэжу,зэрыпхуэлэжьынур,дыщыгъуазэкъым,къыздэсым,ищ1эу- зэрызэхэт 1ыхьэк1э зэпкърых.
4.Сказуемэ къызэрык1уищ къыхэтхык1.