07.12.2020г. Кабардинский язык 6 “Г”кл.(осн.гр.Кумаховой М.М.) “ЦIэпапщIэм и мыхьэнэр”, “Щхьэ цIэпапщIэхэр”

07.12.2020г. Кабардинский язык. 6 "Г" класс (осн.гр. Кумаховой М.М.) "ЦIэпапщIэм и мыхьэнэр", "Щхьэ цIэпапщIэхэр".

1 урок.
Фи махуэ фIыуэ,цIыкIухэ!
Зи щхьэ хущыт псалъэ лъэпкъыгъуэхэр джыным пыдощэ. Нобэ дджынущ цIэпапщIэр.
ЦIэпапщIэхэр – зи щхьэ хущыт псалъэ лъэпкъыгъуэщ. Абы предметхэр, щытыкIэхэр, бжыгъэхэр къегъэлъагъуэ, ауэ я цIэ дыдэр къриIуэркъым.
Езыхэм къагъэлъагъуэхэм елъытауэ гуп зыбжанэу зэщхьэщокI.ЦIэпапщIэхэр псалъэухам пкъыгъуэ нэхъыщхьэуи пкъыгъуэ етIуанэуи хоувэ. ЦIэпапщIэхэр зэрызэщхьэщыкI лIэужьыгъуэхэр тхылъым и 65-нэ напэкIуэцIым ит таблицэм къыщыхьащи зыщывгъэгъуазэ. 66-нэ напэкIуэцIым ит лэжьыгъэ 100-р фи тетрадхэм щывгъэзащIэ.

2 урок.
Сэ, дэ, уэ, фэ, ар, ахэр – щхьэ цIэпапщIэхэм къагъэлъагъуэ псалъэр жызыIэ, зыжраIэ, зэпсэлъитIым зи гугъу ящI щхьэхэр.
Щхьэуэ щы щыIэщ: япэ щхьэ,етIуанэ щхьэ, ещанэ щхьэ. Щхьэ цIэпапщIэхэр закъуэ формэуи куэд формэуи щыIэщ. Щхьэ цIэпапщIэхэм теухуа материалым 67-68 напэкIуэцIхэм къыщывгъуэтынущ.