“Псэм и 1эф1ыр къыуатмэ” роман-дилогиер зытеухуар Хэку зауэшхуэм иужь лъэхъэнэм лъэпкъ щ1алэгъуалэм я псэук1арщ,абыхэм я щ1эныгъэр, зэхэщ1ык1ыр, 1уэху еплъык1эр зэрызэтеуварщ, гугъуехь зыхэтахэрщ, ерыщагъ, л1ыгъэ къалъыкъуэк1ахэрщ,1эщ1агъэл1 нэс ахэр зэрыхъуахэрщ. Романым и л1ыхъужь нэхъыщхьэр Ахьмэдщ.
Анэдэлъхубзэк1и урысыбзэк1и къыдэк1ащ романыр. Адыгэ тхак1уэм и романым теухуауэ урыс тхак1уэ Баруздин С. мыр итхыгъащ : “1эрытхым сыкъеджа нэужь…тхак1уэм и ехъул1эныгъэм сыщыгуф1ык1ащ.Адыгэ прозэм и лъабжьэр зыгъэт1ылъа ди тхак1уэ нэхъыф1хэм ящыщщ Теунэ Хь.
Романым и япэ 1ыхьэм фыкъеджэ.