15.04.2023г. Адыгэбзэ 10 “А” “Б”. Послелогхэм я мыхьэнэр.

Тхыгъэм хэт послелогхэмрэ ахэр зэпха псалъэхэмрэ щ1эфтхъэ.

Уи адэм деж к1уэ гъуэгур а угъурсызым къищ1ащ.Елдар и гум къэк1ат Нурхьэлий къигъанэу,а ц1ыху къэбырсеяхэм яхэту Щэрданхэ к1уэну.Нысэ1эф1 пщэдджыжь нэхущым къыщыщ1эдзауэ пщыхьэщхьэ пшапэр зэхэуэху, къару мащ1э къыхуэнэжам зык1и щымысхьыжу ефэндым и пщ1ант1эм щылажьэрт.И быным щхьэк1э ф1ыгъуэ псоми анэр йохъуапсэ.Зиплъыхьри,зыри щимылъагъум,куэбжэм деж щылъ пхъэдакъэжьым тет1ысхьащ. Ар жьы дыдэ хъуащ,ауэ иджыри къэс слъэгъуакъым. Езы Джырандыкъуэ и 1эк1э итха расписанэм,сыхьэтыр зыф1элъ блыным е1ул1ам,ипкъ итк1э сыкъэтэджырт, школым сык1уэрт, унэм сыщеджэрт.Хьэблэщ1э жылэм и теплъэм махуэ къэс зихъуэжырт.Абыи гу лъимытэу,технорукым дагъуэ зыхуримыгъэщ1ын папщ1э, уеблэмэ ц1ыхухэм зыщагъэпсэху зэманми зимыгъэпсэхуу,увы1эгъуэ имы1эу чырбыш ихьурэ игъэт1ылъырт унэщ1э здащ1ым деж.