27.04.2024г. Адыгэбзэ 11 “А”. “Гуф1эгъуэ нэпс”- текстым елэжьын.

Гуф1эгъуэ нэпс”.
…Бжьыхьэ пшапэ щ1ы1эр зэх. мыуэ щ1ык1э Хьэмщ1асэ къэк1уэжащ, Дадий ц1ык1у и 1эпэр и1ыгъыу. Сабий садым щап1 д.тхэнэми хуэдэу абы унэм гу щихуэртэкъым,къызэрыщ1ыхьэжыххэу пл1.нэпэ псоми д.уэу щ1идзащ, илъагъу псори ф1эгъэщ1эгъуэну. Занщ1эуи и 1эгу ц1ык1ухэмк1э махуэ псом къыщ1эмык1.у щ1эса Зураб и бжэм “ц1оп1-ц1оп1” жи1эу теуэу щ1идзащ.
-Сл1о узыхуейр?-дэгу-дэгуу къешхыдащ абы Зураб.
-Удей сынэк1уэну…-гъынэнащ хъыджэбз ц1ык1ур.
Хьэлъкъыр 1уихри бжэр зэ1уидзащ,ауэ с.бийр щ1эмыхьэ щ1ык1э езы Зураб къыщ1эбэкъук1ащ.Ар, и нап1эр къимы1эту,н.щхъыцэу еплъыхырт,шащхьэ тезышхык1а джэдууэ,имыхабзэуи,сабырт. Апхуэдэу сабыру,щыму ар щысащ пщыхьэщхьэ псом.Уеблэмэ чэфу къэк1уэжа адэми абы гу лъитащ.
-Л1о,щ1алэ, сыту узыгуэр нобэ, сыт къыпщыщ1ар?
-Зыри.
-Уэлэхьи мызыри.Сэ слъагъуркъэ,-зеич псыгъуэ ц1ык1ур игъаджэу шырыкъу лъапщэм еуащ.-Къипхъ мыдэ къэхъуар.
-Зыри,жыс1акъэ.
-Сыт къэбгъ.хъунур, и дерсхэр ищ1ыжурэ езэшащ, плъагъуркъэ и напщ1эхэр къызэрыпщар,- жи1ащ Хьэмщ1аси, щ1алэр жеяуэ ф1эк1а нэгъуэщ1у емыгупсысу.
Хьэцыри и шырыкъуит1ыр щигъэхури гъуэл1ып1эм ит1ысхьащ, и лъакъуэм шэнт лъахъшэ ц1ык1ур щ1эдзауэ.Жыгым пыгъухьыжа кхъужьу зэлъа и нэк1у псыгъуэр 1эгу пхъашэмк1э ирилъэщ1эхыу хъыбар 1эджэм я щхьэфэ и1эбащ.Ауэ ик1эм Зураб дежк1э игъэзэжащ.
-Сыт уи пэр къыщ1ыпылэлыр? Мыбы уи жагъуэ къищ1ауэ ара?
-Хьэуэ.
1.Текстым мылитературнэ псалъэхэр къыщыгъуэти зэгъэзэхуэж.
2.Япэ псалъэухаищым хэт плъыфэц1эхэм антоним къахуэхь.
3. И1ЭБАЩ- псалъэр фонетикэк1э зэпкърых.