23.04. 25.042022г. Адыгэбзэ 11 “А” “Б” “Щы1эц1эхэм я къэхъук1эр”

Щы1эц1э къыхэгъэщахэр къыхэтхык1ыурэ ахэр зэрыт падежыр, бжыгъэр, склоненэр къэгъэлъагъуэ.
Гъэмахуэр егъэлеяуэ хуабэти, зэр пасэу хъуат.Махуэ щ1агъуэ дэдмыгъэк1ыу зэ дык1уэти хэт пэгунк1э, хэт къэлътмакък1э къэтхьт. Сэ къэсхьыр ди <нанэ мэрзей ищ1ти игъэгъуну къэнжалыщхьэм трилъхьэрт. Дыгъэм лъагэу зыкъи1этауэ щ1алэ ц1ык1у дыхъуу зэхьэ дык1уащ. Дэ зэныбжьэгъуу щы дыхъурт сыт щыгъуи, ауэ нобэ епл1анэу урыс щ1алэ ц1ык1у ди гъусэт. Ар нэмыцэхэм яубыда къалэ гуэрым къик1ат, и адэшхуэр и гъусэу. Езы ц1ык1ур дэр нэхърэ мащ1эу нэхъыщ1энут. Ит1анэ мо гъугъуехь, нэщхъеягъуэ илъэгъуа куэдым нэхъ балигъыфэ къытригъауэу арат и сурэтк1э.  Мэжид нэхъ и  ныбжьэгъурауэ къыщ1эк1ынут ар, абы къык1эрымык1ыу и гъусэт.