Фи махуэ фIыуэ, цIыкIухэ. Нобэ дэ деджэнущ Хьэкъун Исуф и усэ «Гъатхэ махуэ». Япэ щIыкIэ псалъэ мыцIыхухэр зэдгъэщIэнщ .
МэкъумэщыщIэ — щIым елэжь къэкIыгъэхэр, гъавэр къэзыгъэкI, ар зэзыгъэзахъуэ цIыхущ.
Бэлэрыгъэкъым — зеи Iуэхуншэу щыскъым, кIэлъоплъ.
Лъакъуэхь — бжьэ цIыкIухэм лъакъуэкIэ къахь фо къызыхащIыкI удз гъэгъахэм къыпах нектарщ.
Лэжьыгъэхэр:
- Усэм гупсэхуу къеджэн, псалъэ мыгуры1уэгъуэхэр зэпкърыфх.
- Усэм хэт псалъэжьхэр къыхэфтхык1.
- Нэгъуэщ1 сыт хуэдэ псалъэжьхэр къыхуэпхь хъуну.
- Презентацэм феплъи, гъатхэ лэжьыгъэхэм фытепсэлъыхь.