20.05.2023г. Адыгэбзэ 10 “А” “Б”. Союзыншэ псалъэуха зэхэлъхэр.

Союз зи1э псалъэуха зэхэлъхэр союзыншэ псалъэуха зэхэлъ щ1ы.
1. Хьэзрэт хуабжьу гузавэрт, школым кърагъэблэгъа хьэщ1эхэр къызэрымысым къыхэк1к1э. 2. Гъатхэри къэсащ, псыхьэлыгъуэхэри мажэ, уэсри мэтк1уж, бзухэми я абгъуэхэр п1эщ1эгъуэк1э зэрагъэпэщыж. 3. Алим уэрэд къыхидзат, ауэ гъунэгъуу къыщы1уа ныбгъуэ джэ макъым абы и уэрэдыр зэпиудащ. 4. Жыгхэр, уэс 1этэм хуэдэу, къагъэгъащ, сыт щхьэк1э жып1эмэ гъатхэр къэсыпащ, дунейр хуабэ хъуащ. 5. Ноябрыр ди хэкум и щ1ып1э куэдым щыбжьыхьэк1э мазэщ, сыт щхьэк1э жып1эмэ а мазэм къриубыдэу жэп къох, удзхэр мэгъуэлэж, жыгхэм пщ1ащэхэр полъэлъыж.