16.12.2023г. Кабардинский язык. 9 “А” (осн.гр.). Лэжьыгъэм и къэхъук1э псалъэуха гуэдзэ зи1э псалъэуха зэхэлъ-зэпхахэр.

Къифтхык1, нагъыщэхэр вгъувурэ. Псалъэуха гуэдзэмрэ пажэмрэ зэхэвгъэк1. Лэжьыгъэм и къэхъук1э псалъэуха гуэдзэр пажэм зэрепха союзхэр къыхэвгъэщ.

Гъуэгуанэ жыжьэ зэпича нэхъей шыр пщ1энт1ауэ псыр къыпыжырт. Зыгуэрым к1элъыпащ1э хуэдэ пшэхэр мэзымк1э зэрыхьырт. Унащхьэр зыхуей хуэгъэзащ уэшх пхымык1ы хуэдэу. Дэ дызэуэршэрыл1эу щ1эддзащ куэд щ1ауэ дызэрыц1ыху хуэдэ. Нэм къимыщтэ 1уданэр зэпычу ежьэжа хуэдэ хьэка мыхъейр зэпхелыгъук1ри здэк1уар умыщ1эу мэбзэх.