11.03.2023г. Адыгэбзэ 10 “А” “Б”. Глаголхэр.

Къифтхык1, глаголхэр зы екъуак1э, сказуемэу къэк1уа нэгъуэщ1 псалъэ лъэпкъыгъуэхэр екъуаитк1э щ1эфтхъэ.

1.Зэрык1уа гъуэгур къигъуэтыжыфу есати, Налмэс къуажэм къызэрыдыхьа уэрам нэшэкъашэм дэлъэдащ. Гулэз уанэкъуапэр иубыдащ, шхуэмылак1эр игъэлалэри шыр хуит ищ1ащ, езыр зыпходэ1ук1. Хьэ банэ макъщ зэк1э зэхихыр… Абы егупсысу Налмэс къуажэм къыдэлъэтащ. Къыпэзыжыхьа шум 1ууащ Гулэз, и гъуэгупэр къыпибзык1ауэ. Шы лъагэ къуданщ, тесри л1ы псыгъуэк1ыхьщ, щхьэ ц1ык1у хъужарэ пы1э лъахъшэ щхьэрыгъэсауэ. 2. Апхуэдэ зы бжьыхьэ махуэт Щауэл1окъуэхэ я пщ1ант1эжьым Сэфар и хьэгъуэл1ыгъуэ даущыр къыща1этар. Жылэ псор щызэпек1уми, ярейт а махуэм Щауэл1окъуэхэ я деж. Гуф1эгъуэ 1эуэлъауэмрэ лэгъуп 1эмп1эхэм къащхьэщих, сыт щыгъуи гуры1упсыр къэзыгъажэ пщэф1эрымэ 1эф1ымрэ зи гъаблэгъур иджыри имык1а ц1ыхухэр къагъэщ1эрэщ1эж хуэдэт. Иджыри зы ныбэ из мыхъужа сабий ц1ык1ухэр я нэгу щ1эк1 гурыф1ыгъуэм къызэщ1и1этати, зэрызехьэ 1эуэлъауэшхуэт.