10.12 2022г. Адыгэбзэ 10 “А” “Б”.Хьэрф й-м и тхык1эр .

Хьэрф й-м и 1уэхугъуит1ым тещ1ыхащ псалъэпкъыр зэриух макъзешэ зыхуэдэм,
ударенэр абы техуэрэ темыхуэрэ.
Псалъэ зэпыщ1ахэм я мыхьэнэр къик1ыу зи псалъэпкъым й хэт зы псалъэк1э зэфхъуэк1ыурэ фтхы.

Джэдкъазым тет цы пхъашэ
Псыхъуэ ныджэ
Жеин зыф1эф1
Зэк1элъык1уэу щабжк1э ебгъуанэ
К1ыхьып1и къуапи зимы1э хьэпшып
Дэшхын зыщ1ымыгъу ерыскъы
Пхъэр ща1ущ1эк1э къыдэк1 щыкъуей
Пасэм щыгъуэ щы1а, псэуа
Шы1эныгъэ зимы1э
Бжейм къыпык1э дэ ц1ык1у
Адыгэ ц1ыхухъухэм лъэнк1ап1эм ф1алъхьэу щыта щыгъын
Унэ псэущхьэхэм я шырым зэреджэ
Къэк1ыгъэ сыр
Гуэншэрыкъым лъэгурыдзу иралъхьэ мэкъу