09.12.2023г.Кабардинский язык. Дополненэ. для 8 б кл.

Къифтхык1. Скобкэхэм дэт псалъэхэр къезэгъ падежым ивгъэувурэ къифтхык1, дополненэхэр щ1эфтхъэ, ахэр къызэрык1уэ псалъэ лъэпкъыгъуэхэри къыжыф1э, прямойрэ косвеннэрэ зэхэвгъэк1.

Софят а (псалъэмакъ) гукъанэ щыхъуат. Пэжу, япэми Софят (горючэ) хуабжьу хуэсакъырт, щысхьыныгъэ ин хэлъу зэригъэзахуэрт, ауэ иджы зы тк1уэпс лей (игъэк1уэдын) гук1и псэк1и иригузавэрт. Зыуэ щыт къэрал (экзамен) зыхуэдгъэхьэзыращ. Жыггъэк1хэм жыг лъабжьэхэр гъатхэ къэси (бел) щ1ат1ык1, (пхъэ1эщэ) жыг зэхуакухэр давык1 (къитхъ), (пхъэ1эпэ) ягъэщабэ. (Къэк1уа) къедгъэблагъэри хьэщ1эщымк1э тшащ.