06.04.2024г. Адыгэбзэ 4 “В” “Г”. Глаголым и щхьэхэр.

Текстым къеджи къепха псалъэхэр и гъусэу глаголхэр къыхэтхык1.

Гуэлым щыпсэу хьэндыркъуакъуэхэр жэщ зэрыхъуу уэрэдк1э зэпеуэ къызэ1уах. Псыхэуэми уэрэд жи1эну мурад ищ1ащ. И пэ к1ыхьыр дригъэзейри макъышхуэ ищ1у зэтригъэуащ. Псыпц1э бабыщым и пэбгъуэр псым хигъэлъэдащ, псыр и жьэм жьэдэз ищ1ри , макъышхуэ ищ1у зэбгрипхъащ. Хьэдзыгъуанэр и гъуэм къипщауэ удз гъэгъам и хъуреягъыр къелъэтыхь, к1апсэ шэщ1ам и зу макъым ещхьу вууэ.