06.04.2024г. Адыгэбзэ 11 “А”. Гъатхэ. ( текстым елэжьын).

Гъатхэ
Щ1ымахуэ к1ыхьым иригъэша ц1ыхухэр сыт щыгъуи я гуапэу 1уощ1э гъатхэм.Илъэс хъурей псом хэткъым гъатхэм нэхърэ нэхъ дахи нэхъ гуак1уи.Псом япэу псы уэрхэр зэщ1эзы1ул1а мыл 1увхэр дыгъэ хуабэм къигъачэу хуожьэ.Къуршхэм къыщежьа уэсыпс инхэм мыл къутахуэхэр ирахьэхыж ик1и псышхуэм, япэм хуэдэу гурыму ежэхыу щ1едзэж.
Абы ещхьыркъабзэу губгъуэшхуэм телъ уэсхэр зэрытек1ыжу удз щхъуант1э ц1ык1ухэр щ1ым къыхопщ,къогъагъэ.Псом япэу апхуэдэу къожьэ ажэгъуэмэ жыхуа1э удзыр абы и ужь иту жыгхэм гулъ къащ1у хуожьэ ит1анэ ахэр къот1эп1 тхьэмпэ щхъуант1э дахэхэм заубгъухэр.
Псо
м хуэмыдэу дахэщ май мазэр.Мыбдежым дуней псом къуэлэн дахэу зехуапэ.Губгъуэм тхыпхъэщ1ыпхъэ зэщымыщхэр щыубгъуа хуэдэ удз щхъуант1эхэр зэщымыщу гъэгъа удзхэр къотэдж.Мэзым уплъэмэ псори хужьрэ щхъуант1эрэщ.Жыг гъэгъа баринэхэм щыщу зыр хужьыпсщ адрейм плъыжьыфэ щ1олъадэ.А псом гъэгъэк1э зэрыз я1эщ.
Ауэ абыхэм я закъуэкъым гъатхэм ц1ык1ухэр зэрыдихьэхыр.Щ1ымахуэ щ1ы1эм щыщынэу ипщэк1э к1уэжа къуалэбзу макъыф1эхэр къолъэтэжри щыгъыныщ1э щхъуэк1эплъык1эк1э зызыхуэпа дунейм уэрэд дахэхэр хужа1эу жыгыщхьэм тот1ысхьэжхэр.
1.Макъдэк1уашэ п1ыт1а зыхэт псалъищ текстым къыхэтхык1.
1.ЕЩХЬЫРКЪАБЗЭУ,ГУБГЪУЭШХУЭМ- псалъэхэр къызэрыхъуар гъэбелджылы
Суффикс пыувэк1эрэ
Префикс пыувэк1эрэ
Префикси суффикси пыувэк1эрэ
Псалъэпкъ зэхыхьэк1эрэ