01.06.2020г. Кабардинский язык и литература. 9 “А”, “В” кл. (осн.гр. Мамиевой И.С.). Къэпщытэжыныгъэ.

Фи махуэ ф1ыуэ,ц1ык1ухэ! Ди жагъуэ зэрыхъущи, тхьэмахуэ блэк1ам фи пащхьэ ита къалэнхэм щыщу зыри вгъэзэщ1акъым. Ар къызыхэк1ар гуры1уэгъуэкъым. Къывгурымы1уами,1эпэдэгъэлэл фщ1ами, фыхунэмысами сыщыгъуазэкъым. Апхуэдэу щыщытк1э, унэ лэжьыгъэ фи1ар къыфхуонэж. Оценкэ къэфхьынур зы баллк1э згъэмэщ1энущ.

(1)Лэжьак1уэ пэжым,нэсым,ерыщым и ц1эр зыхуэфащэр,къэзыхьыфыр псэемыблэжу и 1энат1эм бгъэдэтырщ,зи 1эщ1агъэр нэгъэсауэ зыщ1эрщ.
(2)Апхуэдэщ Щоджэнц1ык1у Алий.(3)Усак1уэм щ1эныгъэрэ гъэсэныгъэрэ зритахэр куэд мэхъу,шэчыншэу,языныкъуэхэм езым и 1эщ1агъэр яригъэлъэгъуащ,адрейхэм и хьэл-щэнхэр щапхъэ яхуэхъуащ,зыхалъхьащ,ещанэхэр тхэным хуигъэушащ.(4)Ауэ и еджак1уэ псоми,а егъэджак1уэ гъуэзэджэм зэхуэдэу яхипщар и Хэкум, лъэпкъым, анэдэлъхубзэм, литературэм хуи1э лъагъуныгъэ инырщ.(5)А лъэхъэнэм абы иригъэджа К1ыщокъуэ Алим мыпхуэдэу итхыгъащ:»Дэ тщыщ дэтхэнэ зыми анэдэлъхубзэмрэ литературэмрэ ф1ыуэ илъагъуныр зи ф1ыгъэр Щоджэнц1ык1у Алийщ, сыт щхьэк1э жып1эмэ,ари ди дэ1эпыкъуэгъуу дэ япэ зэхэтхащ лъэпкъ псэлъэк1эм щ1элъ макъамэр,аращ псалъэр зищ1ысым дегупсысыным дыхуезыгъэджар».
(6)Къыдалъхуахэр зыхэта к1ыф1ыгъэ хьэлъэр гъэк1уэдыным ар илъэс зыбжанэк1э псэемыблэжу щ1эбэнащ.
(7)А къалэн инхэр щигъэзэщ1а илъэс гугъухэм абы къигъэлъэгъуа акъыл жаныр, щ1эныгъэ куур, ц1ыхугъэ лъагэр, 1эдэбагъэрэ щэныф1агъыу хэлъыр, 1эхъуэтегъэк1ыу зи лэжьыгъэм пэрытхэм зэрахуэдыджар къыдэлэжьахэмрэ иригъэджахэмрэ нобэр къыздэсым ящыгъупщакъым.

1.ЗЫХУЭФАЩЭР псалъэр зыщыщ псалъэ лъэпкъыгъуэр гъэбелджылын
2. 5-нэ псалъэухам подчинительнэ союзыр къыхэтхык1ын
3. 6-7-нэ псалъэухахэм зегъэк1уэныгъэк1э зэпха псалъэ зэпха къыхэтхык1ын
4. 2-5-нэ псалъэухахэм псалъэуха зэхэлъ-зэпхар къыщыгъэлъэгъуэн
6.Тхыгъэр стиль и лъэныкъуэк1э зыхуэдэр убхыхун

7.Къардэнгъущ1 Зырамыку и «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ» драмэм и темэмрэ идеемрэ фыубзыху.