Тхьэгъэзит Зубер и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ зыщыгъэгъуэзэн. «Гъатхэ», «Адыгэ пшынэ»- усэхэм къеджэн, т1ум я зыр гук1э зэгъэщ1эн. Упщ1эхэм жэуап етын.
1. Лирикэм и сыт хуэдэ л1эужьыгъуэ «Гъатхэ» усэр?
2.Сыт хуэдэ сурэт къищ1игъэувэр уи нэгум усэм?
3. Гъатхэм и теплъэр, и щытык1эр сыт хуэдэ художественнэ 1эмалхэмк1э къигъэлъэгъуа усак1уэм?
4. Усэм хэлъ гупсысэ нэхъыщхьэр къэзы1уатэ псалъэхэм фыкъеджэ, ахэр къызэрывгуры1уэр къыжыф1э.
5. Усэм и сыт хуэдэ сатырхэр гурыхь фщыхъуа?
6. «Адыгэ пшынэ»- усэр лирикэм и сыт хуэдэ л1эужьыгъуэ?