Художественнэ-изобразительнэ 1эмалхэу зэгъэпщэныгъэмрэ къэгъэпсэуныгъэмрэ щыгъуазэ зыф1щ1.
Пшэ уанэу 1уащхьэмахуэ
Плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ.
Аузхэм щызэрахуэ
1эщ бжыгъэр вагъуэ лъытщ.
Мы усэ едзыгъуэм къыщыхьащ зэлъытыныгъэу щы. Япэр- — уанэм ещхьу 1уащхьэмахуэ, ет1уанэр-плъыр сакъым хуэдэу, ещанэ елъытыныгъэр къэгъэлъэгъуэным папщ1э усэм къыщыгъэсэбэпащ хухэха пслъэр 1эщ бжыгъэр вагъуэ лъытщ. Зэлъытыныгъэр куэдрэ къыщагъэсэбэп 1уэры1уатэм.
Зытепсэлъыхьым и щытык1эр нэхъ 1упщ1у, уи нэгум къыщ1ыхьэу къа1уэтэн щхьэк1э, ар нэгъуэщ1 зыгуэрым ирагъэщхьу щыжа1э щы1эщ. Апхуэдэ жы1эк1эм зэгъэпщэныгъэк1э йоджэ.
Псэ зыпытхэм я нэщэнэхэр, я 1уэхущ1афэхэр псэ зыпымытхэм щ1ык1эралъхьэ щы1эщ. Абы къэгъэпсэуныгъэк1э йоджэ. Псалъэм папщ1э:щ1ымахуэ къэгубжьащ, жыг тхьэмпэхэр мэ1ущащэ. акъужьыр мэдэхащ1э.
къэгъэпсэуныгъэр куэдрэ къыщагъэсэбэп 1уэры1уатэмрэ художественнэ тхыгъэмрэ.