Зы пкъыгъуэ нэхъыщхьэ зи1э псалъэухахэр къэгъуэт.
Лъэпкъым лъэпкъыу зыкъилъытэжмэ ,езым хуэдэхэм я1э псори и1эпхъэщ. Абыхэм ящыщщ лъэпкъыр зэтезы1ыгъэурэ къыдэгъуэгурык1уа хабзэри. Хабзэр къагупсыскъым, хабзэр къагъэщ1. А илъэсищэ бжыгъэк1эрэ лъэпкъым къигъэщ1ам апхуэдэу занщ1эу узэригъэлъэпэуэнукъым. Зэригъэлъэпэуакъым адыгэ хабзэми. Адыгэ хабзэк1э узэджэ хъуну нэхъ къабзэ, купщ1аф1эхэр, гуащ1аф1эхэр сыт хуэдэ зэманми зэрезэгъынур, зэрек1ужынур ,гъащ1эр гъэдэхэнымк1э, а гъащ1эр дэхъурэ дек1уу щ1эблэр гъэсэнымк1э ди хабзэхэм сэбэпынагъышхуэ зэрапылъыр шэч къызытумыхьэжынщ.Хабзэм апхуэдиз щ1ыхужыт1эр а жыт1эхэр анэдэлъхубзэм къетпхыжынуращи мыр хьэкъыу ди гугъэщ: лъэпкъым и хабзэр нэгъуэщ1ыбзэк1и пхуэгъэзэщ1энущ, ауэ нэгъэсауэ пхуэгъэзэщ1энукъым. А уигук1и уи псэк1и зыхэпщ1эн щхьэк1э а хабзэр къэзыгъэщ1ыжа уи лъэпкъым и анэдэлъхубзэр пщ1эн хуейщ.