14.10.2023г. Адыгэбзэ 11 “А”класс. Хьэрф е щатхыр.

Къитхык1,хьэрфзешэ е-м макъзешэ е къыщигъэлъагъуэр зы екъуак1э,пычыгъуэ йэ къыщигъэлъагъуэр екъуаит1к1э щ1этхъэ.

Пщатэм къыхахыжа хъурыфэм и лэр ерэчк1э трахырт. Хъушэм къыхэк1а жэмит1ым 1эхъуэр ящ1эфиену хунэмысу къагъэзэжащ. Ди адэшхуэ Едыдж джэдыгу ек1у иригъэдащ,къэруакъ тебзэ телъу. Мес аргуэру уэгум къиуващ нет1э джэджьей езыхьэжьа къашыргъэр. Мелэч гумызагъэт, 1эмык1уэлъэмык1уэу 1эбэ илъагъуамэ, хуэшэчыртэкъым, тек1иерт. Елэныр псэущхьэ ц1ык1ущ, ауэ нэхъ 1эл дыдэхэм ящыщщ. Хабзэ мыщ1э емык1у къэхьщи, хабзэр зыщ1эу абы ебакъуэр емык1уищэщ.

2. Ерэч, къэруакъ, пщатэ, хъурыфэ псалъэхэм
къарык1ыр къэщ1эн.