18.02.2023г. Ц1эпащ1эхэм я мыхьэнэр.

Къитхык1, ет1уанэу къытезыгъазэ псалъэхэр къезэгъ ц1эпапщ1эк1э зэпхъуэк1ыурэ.

Ислъамрэ Нурсенрэ зы классым щоджэ.Ислъамрэ Нурсенрэ сурэт щ1ык1эм зыщыхуагъасэ кружокым мак1уэ.Удз тхьэмпэ гъэгъуа л1эужьыгъуэхэр зыдалъхьэ альбомыр Ислъамрэ Нурсенрэ дахэу ягъэщ1эрэщ1ащ.Ебланэ классым я еджак1уит1ми удз тхьэмпэ гъэгъуа зэмыл1эужьыгъуэхэр зыдалъхьэ альбомыр дахэу ягъэхьэзыращ.Ди классым и альбомыр плъыжьщ. Блын газетыр зыгъэщ1эрэщ1ари Ислъамрэ Нурсенрэщ. Ди блын газетыр къызэрыдэк1ыр мазит1ым зэщ. Ебланэ классым я блын газетыр къызэрыдэк1ыр мазит1ым зэщ.Дыдейр рамэм илъу япэ дыдэ къыщыдэк1ар нэгъабэщ.Ебланэ классым ейри рамэм илъу къыщыдэк1ар нэгъабэщ.