08.02.2023. Кабардинский язык . 8 «В» кл (для осн гр Коковой Х.Р.) Текстым пыщэн.

Фи махуэ ф1ыуэ! Текстыр къифтхык1. Къыпыфщэ, дауэт фэ ар зэревгъэухынур?
Зэгуры1уэрэ зэдэ1уэжу къуажэ гуэрым дэст зэадэзэкъуэ.Адэр л1ы 1ущт,лэжьыгъэр ф1ыуэ илъагъут.Къуэри адэм хуэфащэу къэхъуат.Зэгуэрым щ1алэм и адэр сымаджэ хъуат.Абы къыгуры1уат къызэрымытэджыжынур.Адэм къриджэщ къуэри мыпхуэдэу жри1ащ:
— Си щ1алэ , умыдзыхэ.Псэ зы1ут псоми я к1эухыр сэри къысхуок1уэ.Уэ уи закъуэу укъонэ.Къэзгъанэ мылъкур зэгъэзахуэ,к1элъыплъ.Адэк1э , си щ1алэ, зы лъэ1у пхузи1эщ. Сэ дунейм сытетыхук1э,сысымей пщ1ант1эм къыдэзгъэхьакъым,къэзмылэжьаи уи фэ ислъхьакъым.Уэри абы утемык1.
Зыкъом щ1ат адэр дунейм зэрехыжрэ,махуэ гуэрым пщ1энт1эпсыр ирикъук1ыу щ1алэр лажьэу хадэм итт.
Зызыгъэпсэхуну т1ыса щ1алэм къелъагъу псы1эрышэм хэлъ мы1эрысэр.Мо мэжэл1ам мы1эрысэр кумылэм ф1эк1 къэмынэу ишхащ, ит1анэ,занщ1эу игу къэк1ыжащ и адэм и уэсятыр…