14.01.2023г. Адыгэбзэ 10 «А» «Б». Плъыфэц1эхэр.

Къитхык1, плъыфэц1эхэр зэрыт падежыр,щхьэр, склоненэр и щхьэм тетхэ.

Пщыхьэщхьэр хэк1уэтауэ 1энэ гъэщ1эгъуэн къыщ1ахьащ.
Лъхукъэл1 унагъуэ ц1ык1ум шхыну къахьар Ерстэм игъэщ1эгъуащ.
Ищхъэрэ щхьэгъубжэмк1э долъри унэм ц1ыхубзу ирилъагъуэр Батым и анэ закъуэрщ.
Сыхьэтыпэм апхуэдиз шхын гурыхь гъэхьэзырыгъуаф1э!
Бысым щ1алэм нэбгъузк1э к1элъоплъ Ерстэм.
Куэбжэм щрихьэл1ам нэщхъыдзэу зы1уплъар щ1алэ нэшхуэгушхуэ гуэру къыщ1эк1ащ.
Л1ыгъэмрэ акъылымрэ ц1ыхур егъэдахэ-аращ Батыми: гушы1э делэ зыут1ыпщым ящыщкъым,щ1алэ дыхьэщхрейуэ плъагъуркъым.
Зэп1эзэрытщ,и псалъэ и уасэ ещ1эж,псалъэ мышу жыхуа1эм хуэдэ къыжьэдэк1ыу зэхэпхыркъым…
Мыгъэрей 1уэхук1э ар Ерстэм и щыпэежьэт. Мы гъэ щ1ымахуэ тк1ийм щак1уэ к1уауэ зы мыщэ кърикугъащ. Бжэн къиук1ати,и дамэ ижьым трилъхьауэ,и фочри и 1э сэмэгумк1э и1ыгъыу к1уэжырт.
Къуэк1ий куу гуэрым ирик1уэ лъагъуэ бгъузэм здытетым,мывэ дуушхуэ блэк1а къудейуэ,мыщэм уащхъуэдэмыщхъуэу 1ууащ.