Псалъэ занщ1эк1э зэджэр,абы нагъыщэхэр зэрыщагъэув щ1ык1эр урок к1уам къэтпщытэжащ.Пыдощэ адэк1э.
Тхылъым, напэк1уэц1 12-м ит правилэм фыкъеджэ,щапхъэхэм феплъи мы лэжьыгъэр вгъэзащ1э.
Псалъэ занщ1эр псалъэ зэдзэк1ам хуэгъак1уи тхы.
1.»Уэркъыр и псалъэ епц1ыжыркъым,-жэуап итыжащ Хьэрычэт.-Псалъэ пты щыхъунур ар зэрыпхузэф1эк1ынум шэч лъэпкъ къыщытумыхьэжым дежщ.
2.Сижажэ Къылшыкъуэ жи1ащ «Мыл1эжынур 1эщ1агъэ дахэщ, дунейм и дахап1эр акъылщ».
3.»Гъащ1э уи1эхук1э пэжым тетыф, уи ф1ыр ц1ыху лъэпкъым егъэк1″- жи1ащ Пащ1э Бэчмырзэ.