Бемырзэ Мухьэдин Къэрэшей -Шэрджэс тхак1уэщ. Ар къыщалъхуащ Али-Бердыкъуэ къуажэм. Бемырзэм ф1ыщ1эшхуэ бгъэдэлъщ анэдэлъхубзэр хъумэным хуэгъэзауэ ищ1а лэжьыгъэхэм папщ1э. Бемырзэр езым и усыгъэхэм зэреджэр «уэрэдщ».Нобэ щыгъуазэ зыхуэтщ1ынщ усэ — уэрэдхэу «Лъэ1у» «Уадыгэным къик1ыр» усэхэм.
«Лъэ1у» — усак1уэр ирогушхуэ къыщалъхуа щ1ыналъэр , Кавказыр зэрыбейм, зэрыдахэм.Егъэнэщхъей адыгэхэр къэрал куэдым щикъухьа зэрыхъуам.
«Уадыгэну гугъущ»- усак1уэм зэрыадыгэр къызэригъэлъагъуэр адыгэбзэ 1урылъымк1эщ, къызыхэк1а лъэпкъым и хабзэр зэригъэзащ1эмк1эщ.
Ауэ нобэ ахэр зыхуэмыгъэзэщ1эж хъуахэр куэду зэрыщы1эм тогузэвыхь.
Унэ лэжьыгъэ: «Лъэ1у» усэр гук1э зэвгъащ1э, видео тефхи си эл.почтэм ,е ватс къевгъэхь. Ди адыгэ театрым и артисхэр къеджэу интернетым итщи
къэвгъуэти феда1уэ, ар сэбэп къыфхуэхъунущ.
«Уадыгэным къик1ыр «- гъэхуауэ фыкъеджэ, интернетым уэрэду итщи феда1уэ.
bizheva74@bk.ru, 89034970584