07.12.2020 г. Адыгэбзэ , 5 «В». Псалъэ занщ1эр. Бзэм и макъхэр.

1 урок
Зыгуэрым и псалъэу зэрыжа1а дыдэм хуэдэу къа1уэтэжым псалъэ занщ1эк1э (прямая речь) йоджэ. Ц1ык1ухэ, правилэм фыкъеджэ, щапхъэхэм феплъ.Схемэм псалъэ занщ1эр къызэрыщыгъэлъэгъуам гу лъыфтэ.
Лэжьыгъэ 146-р вгъэзащ1и къевгъэхь.Мыпхуэдэу къевгъажьэ:
Дыгъэгъазэм ибл, блыщхьэ.
Лэжьыгъэ 146.
2-нэ урок
Мы урокым джын щ1ыдодзэ бзэм и макъхэр.(фонетикэ).
Фонетикэм бзэм и макъэхэр едж. Дэтхэнэ псалъэри макъыу зэхэтщ. Макъэхэр егуэш макъзешэрэ макъ дэк1уашэу.Езы макъ дэк1уашэхэри гупу гуэша мэхъу.
Мы урокым дытепсэлъыхьынщ макъ дэк1уашэ жьгъыжьгъхэмрэ дэгухэмрэ. Псалъэм папщ1э жьгъыжьхэщ- в,г, д.Дэгухэщ- ф,к, т.
П. 19-20 ит правилэхэм фыкъеджэ. Лэжьыгъэ 158-р фщ1ыжи къевгъэхь.