Фи махуэ ф1ыуэ, ц1ык1ухэ! Мы урокым дэ «Щ1эныгъэр лей хъуркъым» жыхуи1э сочиненэм зыхуэдгъэхьэзырын хуейщ. Япэрауэ, сочиненэм и ф1эщыгъэц1эм егупсысыпхъэщ.Щ1эныгъэр щызэбгъэгъуэт хъунур еджап1эм и закъуэу зэрыщымытыр, ат1э абы къигъэхъуап1э куэд зэри1эр фи тхыгъэхэм къыщывгъэлъэгъуэнщ. Дауи, щ1эныгъэр дэтхэнэ зыми щ1ызэригъэгъуэтым щхьэусыгъуэ пыухык1а и1эщ. Езыныкъуэхэм ар гъащ1эм мылъку хэхып1э щащ1ынущ, адрейхэр щ1эныгъэм щ1ыхуейр къэмыувы1эу зызыужь дунейм хэзэгъэн щхьэк1эщ, ещанэр щ1эныгъэм щ1ыхуэпабгъэр езым хуэдэхэм закъык1эримыгъэхун папщ1эщ. Щы1эщ нэгъуэщ1 щхьэусыгъуэхэри. Сыту щытми, щ1эныгъэр гъащ1эм лей щ1ыщымыхъум и щхьэусыгъуэр фи тхыгъэм къыхэщын (аргументировать фщ1ын) хуейщ. Тхыгъэр напэ зэгуэтым иту, ар зэрыфтхэжыну терадри ф1ыгъыу блыщхьэм урокым сыныщыфпоплъэ.