1 урок. Зэрызыхуагъазэ (обращение) псалъэ темэмк1э пыдощэ адыгэбзэ урокыр.
1. Напэк1уэц1 64-м ит правилэм фыкъеджэ.
2.Напэк1уэц1 65-м ит схемэр гуры1уэгъуэ хъуа нэужь мы лэжьыгъэр фщ1ыж.
2.Мыин дыдэу зы письмо фызыхуей ц1ыхум, махуэшхуэ гуэрым е къыщалъхуа махуэм теухуауэ фехъуэхъуу хуэфтх,зэрызыхуагъазэ псалъэ
къэвгъэсэбэпурэ. Письмор мыпхуэдэу къыщ1эвдзэ хъунущ: Ф1ыуэ тлъагъу, Щ1ыхь зыхуэтщ1.
2 урок. Псалъэуха къызэрык1уэхэмрэ зэхэлъхэмрэ.
1.Псалъэухахэр егуэш къызэрык1уэу (простые) зэхэлъу (сложные). Псалъэуха зэхэлъыр къызэрык1уит1у е нэхъыбэу зэхэтщ. Ахэр союзыншэуи
союзк1и зэпха мэхъу: ик1и, ауэ, арщхьэк1э,хэти,сыти…
2. Тхылъым ит правилэм фыкъеджэ, щапхъэхэм феплъ.
3. Напэк1уэц1 72-м ит лэжьыгъэ 141-р тетрадым щывгъэзащ1э.
Лэжьыгъэр фщ1ыжын ипэ число, класс лэжьыгъэ, лэжьыгъэм и номерыр фотх.
Лэжьыгъэхэр къевгъэхь bizheva74@bk.ru-электроннэ почтэм.