Адыгэ хъуэхъухэр дахэщ, бейщ,гъуэзэджэщ. Езы хъуэхъухэм мыхьэнэшхуэ я1эщ.Хъуэхъухэр л1эужьыгъуэ куэд мэхъу.Сыт зэманми хъуэхъур ф1ым йоджэ. «Хъуэхъуэнымрэ» «дахэ жы1энымрэ» зэблагъэу къалъытэ.
Ди литературэ урокыр зытеухуар адыгэ хъуэхъухэмрэ хъуэхъу сэламхэмрэщ.
Тхылъымк1э напэк1уэц1 45-м къыщыщ1эдзауэ 51-м нэс феджэ.Гу лъыфтэну сыхуейт хъуэхъу сэламхэр зэмыл1эужьыгъуэ куэд зэрыхъум, сэламхэм я тык1эхэм. Къык1элъык1уэ урокым къэтщ1ахэр тест лэжьыгъэк1э едгъэбыдыл1энщ.