10.04.2020г,кабардинская литература 3 “В” класс (осн.гр. Марины Мухарбиевны) “Фэеплъ”

10.04.2020г,кабардинская литература 3 "В" класс (осн.гр. Марины Мухарбиевны) "Фэеплъ"

Фи махуэ фIыуэ, цIыкIухэ!
Тест лэжьыгъэр фщIыжын и пэ къихуэу мы тхыгъэм гупсэхуу фыкъеджэ.
ЕгъэджакIуэр, классым, къыщIыхьэри, жи1ащ:
– Нобэ к1э1упхъуэ дыным щ1эддзэнущ. Фыхуейуэ щытмэ, фи къупщхьэ гуащэхэм хуэвд, фыхуеймэ, фи щхьэм хуэвдыж.
– Си анэшхуэм хуэсщ1 хъуну? – и 1эр къи1этри къэтэджащ Маритэ.
– Хъунущ. К1э1упхъуэр урокищк1э тщ1ынущ.
Маритэ унэм къыщык1уэжам нанэ хадэм итт,бжьын хисэу.
Къык1элъык1уэ урокри къэсащ. Къызэрыщ1эк1ымк1э классым щ1эсхэм щыщу зыми идыртэкъым Маритэ ид к1э1упхъуэм хуэдэ. Хъыджэбз ц1ык1ухэр хэт и гуащэм, хэти и щхьэм хуэдэрт.
Махуэ ещанэм к1э1упхъуэр хьэзыр хъуащ.
Маритэ пщэф1ап1эм щ1ыхьэри ф1эдзап1эм ф1идзащ к1э1упхъуэр. Нанэ ар къыщилъэгъуам щыгуф1ык1ащ, ик1и Маритэ и щхьэм 1э дилъащ.

Еджэныгъэм ехъул1эныгъэхэр къыщыфхьыну сынывохъуэхъу!