Ц1ык1ухэ,фи пщыхьэщхьэ ф1ыуэ! Тхылъ зимы1э зэрыфхэтым папщ1э пщэдей фи тестхэмк1э сэбэп къыфхуэхъун материал фызот,гупсэхуу феджэ тестыр фщ1ын япэ.
Ф1эф1ыныгъэ наклоненэ.
Лэжьыгъэр къэхъуным щ1эхъуэпсыныгъэ къэзыгъэлъагъуэм ф1эф1ыныгъэ наклоненэк1э йоджэ.
Ф1эф1ыныгъэ наклоненэр суффикс -щэрэт(-щэрэ,-рэт)-к1э къытохъук1 зэра1уатэ наклоненэм и блэк1а формэм,щапхъэ: Уэс къесащэрэт,сыщэк1уащэрэт.
Унафэ наклоненэм суффикс -к1эт пыувэныгъэмк1и къохъу ф1эф1ыныгъэ наклоненэ,щапхъэ:Уэс къеск1эт.Ди топджэгухэр тек1уэк1эт. Ф1эф1ыныгъэ наклоненэр щхьэк1э,бжыгъэк1э зэхъуэк1а мэхъу,ауэ зэманк1э зэхъуэк1а хъуркъым.
Мыбы ф1ыуэ феджэ,тест фщ1ын япэ!!! Узыншэу!