Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъыбэм я тхакIуэхэм ящыщу усэу гъэпса роман зытхар ЩоджэнцIыкIу Алий и закъуэщ. Кавказ щIыналъэм и тхакIуэхэр дэнэ къэна, Пушкин Александр и «Евгений Онегин» усэу тха романым и ужькIэ, урысми, адрей лъэпкъхэм я литературэми зи гугъу тщIы тхыгъэм хуэдэ куэд къахэхъуакъым. МызэкIэ апхуэдэу дызыщыгъуазэр мащIэ дыдэщ. Ахэр Пастернак Борис и «Спекторский», Сельвинский Илья и «Пушторг», «Арктика», Долматовский Евгений и «Добровольцы», Авраменкэ Илья и «Дом на Мойке» тхыгъэхэрщ.
ЗэрыжысIащи, лиро-эпическэ тхыгъэ лIэужьыгъуэ нэхъ ин дыдэм щылэжьащ лъэпкъ литературэм и классик ЩоджэнцIыкIу Алий. Абы и Iэзагъыр куэдкIэ наIуэ щыхъуащ «Къамботрэ Лацэрэ» социально-историческэ романым. Абы пэжагъышхуэ хэлъу къыщыгъэлъэгъуэжащ феодальнэ Къэбэрдейм щекIуэкIа классовэ бэнэныгъэ гуащIэр — адыгэ мэкъумэшыщIэхэм яIа псэукIэ хьэлъэр, абыхэм ягъэва гузэвэгъуэр.
Романым и идейно-тематическэ, художественно-нравственнэ, эстетическэ щытыкIэхэр зыгъэбелджылы Iуэхугъуэхэм ящыщщ абы и гъэпсыкIэри, образхэм я къэгъэлъэгъуэкIэри, художественно-изобразительнэ Iэмалхэм я къэгъэсэбэпыкIэри, бзэм и шэрыуагъри.
Мы тхыгъэшхуэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэри куэду зэхэлъщ, Iыхьэ зыбжанэу зэхэухуэнащ, литературэ лIыхъужьхэр социальнэ гуп щхьэхуэхэм — пщылIхэмрэ зыгъэпщылIхэмрэ — ящыщщ. Образ нэхъыщхьитIыр — Къамботрэ Лацэрэ — жылагъуэ-политикэ бэнэныгъэм зыкIи щымыгъуазэу, абы зэрыхэтыну щIыкIэр зэхамыщIыкIыу къожьэри, ауэрэ бэнэныгъэм и курыкупсэм хэтурэ, я хьэл-щэнми зехъуэж, я зэхэщIыкIрэ дуней тетыкIэкIи заужь, гуащIэрыпсэухэм я къыщхьэщыжакIуэ, жылагъуэ-политикэ бэнакIуэ мэхъу. А тIум я къекIуэкIыкIарщ романым и кIыхьагъкIэ щыпхрыша гупсысэр.
ТхакIуэм цIыхубэ IуэрыIуатэр, лъэпкъыбзэр фIыуэ зэрищIэм и фIыгъэкIэ, пасэрей гъащIэр, адыгэ мэкъумэшыщIэхэм яшэча гугъуехьыр, я щхьэхуитыныгъэр къазэужын щхьэкIэ ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэр цIыхум и гум нэсу къигъэлъэгъуэжын хузэфIэкIащ.
Мы роман гъуэзэджэр адыгэ литературэм и тхыгъэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщщ жытIэну дытогушхуэ. Ар бзэ къулейкIэ зэрытхами мыхьэнэ иIэщ, Iуэхур уи нэгум къыщIыхьэу, псэкIэ зыхыуигъащIэу щытын папщIэ. Романым псалъэ, сатыр къэс яхуэфащэ увыпIэ щаIыгъщ, ахэр усакIуэм хуабжьу егугъуу къыхихащ, зэригъэзэхуащ. Алий и псалъэхэм гулъытэшхуэ хуищIу щытащ, абыхэм «адыгэ фащэ» ящитIэгъэным хущIэкъуу. Абы и щыхьэтщ ар и IэдакъэщIэкIхэм къытригъэзэжурэ зэрелэжьыжар. «Къамботрэ Лацэрэ» вариант зыбжанэ иIэщ. Абы усакIуэр 1934 гъэм къыщыщIэдзауэ 1940 гъэ пщIондэ елэжьащ. Япэ вариантыр 1938 гъэм къыдэкIащ, иужькIэ романыр зыхуей хуэзауэ дунейм къыщытехьар 1940 гъэрщ.
Зытепсэлъыхь Iуэхугъуэр нэхъ хьэлэмэт, щIэщыгъуэ икIи гукъинэ ищIын мурадкIэ, ЩоджэнцIыкIум къигъэсэбэпащ адыгэ псалъэжьхэр, жыIэгъуэхэр, псалъэ хъуэрхэр, нэгъуэщI Iэмалхэри. Романым щIыпIэшхуэ щаубыд эпитетхэм, абыхэм фIымрэ Iеймрэ я «теплъэхэр» нэхъ тэмэму къагъэлъагъуэ. ПщылIхэмрэ ныбэизхэмрэ усакIуэм зэрыдигъэцIыхур зэщхькъым, уеблэмэ хуабжьу зэщхьэщокI. Къамбот, Лацэ, Хьэсанш сымэ, джэгуакIуэ лIыжьым — «Лацэ дахэр», «дыщэ шырым», «Къамбот хахуэр», «щIалэ жаным», «дадэ дыщэр» яхужиIэмэ, ныбэизхэм яхуигъэфащэр мыпхуэдэщ: «пщы шу Iэлыр», «гуащэ блащхъуэр», «пщы залымыр». Романым къыщыгъэсэбэпащ метафорэхэр: «Джатэрыбзэм я бэлыхьым си пшыналъэр щIыщышынэр», «А зэманым цIыху насыпыр сэшхуэ дзапэм Iулъыгъащ», н. Тхыгъэр къулей зыщIщ зэгъэпщэныгъэ Iэмалыр. Апхуэдэхэми мыбдеж дыщрохьэлIэ: «лIыжь нэгъуджэу», «пIырыпI щIыкIэу», «мазэ нэкIуу», «щыхь шыр хуэдэ», «псы хуэм ес къазу», нэгъуэщIхэри. Къыхэгъэщыпхъэщ, художественно-изобразительнэ Iэмалхэр тхыгъэм хэт лIыхъужьхэм я теплъэр, шыфэлIыфэр, дуней тетыкIэр, псэукIэр гукъинэ хъунымкIэ зэрысэбэпыр.
Романым и бзэр нэхъ щIэщыгъуэ пщызыгъэхъу, зытепсэлъыхьыр гурыIуэгъуафIэ зыщI троп лIэужьыгъуэхэм ящыщщ олицетворенэр. Абы и щапхъэщ мы едзыгъуэр: «Ауэ, Бахъсэн, уи псы пыхухэр Нэхъри мывэм еудэкI, ЦIыху зэраникI ныбжьыщIитIым Макъыр Iэти иумыгъэкI». НаIуэщ усакIуэм псым «псэ зэрыхилъхьар».
Иджыри къэс зи гугъу тщIа троп зэмылIэужьыгъуэхэми хуэдэу, романым къалэнышхуэ щагъэзащIэ ЩоджэнцIыкIум IэкIуэлъакIуэу къигъэсэбэпа перифразхэм. Ар предметхэм е къэхъугъэхэм я цIэ иримыIуэу, ауэ зищIысыр къозыгъащIэ псалъэ шэрыуэхэмкIэ къыдгурызыгъаIуэ Iэмалщ. Ар усакIуэм и Iуэху еплъыкIэр къозыгъащIэщ. Абы теухуа щапхъэхэр къэтхьынщ. Бжьыхьэр къызэрыблэгъар абы мы усэ сатырхэмкIэ егъэбелджылы: «ПщIащэпыхум и лъэхъэнэт, ЩIыр дыщафэу гъуэжь къэхъуат, Мэз кIыфIыжьхэм, хъуанщIагъафэу, Нэхур щIидзэу ныхуежьат»…
Дунейм и къэхъукъащIэхэри Iэзагъышхуэ хэлъу Алий къигъэсэбэпащ. Ахэр нэхъыбэу Къамботрэ Лацэрэ я образхэм егъэщIылIащ. Къамбот и псэм щыщIэхэр усакIуэм Iэзэу ирепх дунейм и щытыкIэм: «Мис а махуэм зиуфIыцIащи, Къамбот и гум зыкъыдещI, ЩIалэр хейуэ нэщхъеящи, Бзум я усэр гъыбзэ фIощI», «Губжьа щIалэм фоч шэрыуэр ПIащIэу бийхэм яхуеузэд. Уэшх къежэхыр Къамбот дежкIэ Лацэ и нэпсщи, зыхегъапскIэ».
ГъащIэм зехъуэж, абы дунейми зыкъыдещI. ФIыуэ зэрылъагъу ныбжьыщIитI зэхуэзэжам я гуфIэгъуэ иныр дунейми зэрадиIыгъыр мы псалъэхэмкIэ убзыхуащ: «Лацэ дахэр махуэ гуэрым Къамбот и бгъум щобзэрабзэ. Iуащхьэ бгыхум и нэз дыдэм бжьыхьэ дыгъэр ныщоубзэ. Бзум я усэр а тIум дежкIэ Нобэ гъащIэм и гуфIэгъуэщ, НыбжьыщIитIым яIуэтэжхэм Щыхьэт хуэхъуу и пшыналъэщ».
Тембот дадэм и псэр зэрыщинэнум, фIыуэ зэрылъагъуитIым къапэщылъ нэщхъеягъуэм дыхуигъэхьэзыр щIыкIэу, усакIуэм дунейр къызэхеуфэ: «Мэз тенджызым нэщхъей дыдэу, Дыгъэр пшэплъкIэ къодэхащIэ, Бгыжь Iэтахэм я щхьэ лъагэр Лъы щыхуауэ нэм къыIуедзэ. Дыгъэ къухьэм, тегъэ щIыкIэу, Бзум я гъыбзэм гур дохьэлъэ, Лъагъуныгъэм и бзэ IэфIхэр Лацэ сымэ ягъэувыIэ».
Дунейм и къэхъукъащIэхэм къалэн зэхуэмыдэхэр романым щагъэзащIэ. Ахэр нэхъыбэу усакIуэм къыщигъэсэбэпар и лIыхъужьхэм я гупсысэр, гурыгъу-гурыщIэхэр, IуэхущIафэхэр къыщигъэлъагъуэм щыгъуэщ. Куэд дыдэ мыхъуми, тхыгъэр купщIафIэ зыщI псалъэжьхэми дрохьэлIэ: «Зым тIу и дзэщ», «Пщым и шхыныр къуалэбзухэм къакIэроху», «Дахэ лъагъуныгъэр IэрыщIкъым», «Уи пщIэр зымыщIэр ныбжьэгъукъым», «Пэжым джатэ имыIыгъми, Гъэр зы махуи яхуэщIынкъым», «Ажал пудыгъэкIэ къыумыгъэблагъэ».
ЕРЖЫБ Аслъэн.
Статьям фыкъеджэ. Урок къак1уэ поэмэм еджэн щ1эдзэнущ.