27.02.2026г. Кабардинский язык. 3 «В» (осн.гр.). Текстым елэжьын.

Дунейм унэ хьэлэмэт куэд тетщ. Ахэр зэщхьэщок1 я теплъэк1э, къызыхэщ1ык1ак1э, здаухуа щ1ып1эхэмк1э, я инагък1э, я лъагагък1э, нэгъуэщ1хэмк1и.
Сурэтым япэу щыплъагъу япэ унэр Польшэм щаухуащ. Ар Сопот къалэм дэтщ. Абы зэреджэр «Унэ 1ушэщ». Унэм щопсэу Ян Мацин Щанцеррэ Пер Оскар Дальбергрэ. Ян Марцин Польшэм щыщщ, сабий тхылъхэм я иллюстраторщ. Пер Дабергри сурэтыщ1щ, ауэ ар шведщ. Унэр январь мазэм 2003 гъэм щ1ын щ1адзащ декабрь мазэм 2003 гъэм яухащ.
Ет1уанэ сурэтым щыплъагъу унэ хьэлэмэтыр США -м хыхьэ Огайо штатым щаухуащ. Унэм зэреджэр «Матэ унэщ». Ар илъэсит1ым и к1уэц1к1э щ1ын яухащ. Унэр мелуан 30 и уасэщ. Унэр фэтэру щыткъым.
Тхылъ теплъэ зи1э ещанэ унэри здэщы1эр Америкэрщ. Миссури штатым и Канзас-Сити къалэм ар дащ1ыхьащ.Унэм и теплъэр дуней псом щыц1эры1уэ щыхъуа тхылъхэм, Канзас-Сити теухуахэм, ещхьу щ1ащ.Унэр библиотекэу аращ.

Текстыр тетрадым ифтхэ, псалъэуха къэс подлежащэмрэ сказуемэмрэ щ1эфтхъэ.