26.12.2020г. Адыгэбзэ 10 «А» «В» 11 «А». Ц1ыхубз зауэшыхэр.

Пасэрей тхыдэми 1уэры1уатэми псалъэм папщ1э нарт эпосым щыгъунэжщ ц1ыхубз зауэшыхэм я хъыбар. Грекхэр амазонкэк1э еджэу щытащ абыхэм адыгэхэр
зэреджэр емыджщ.Пасэрей тхак1уэхэр щыхьэт зэрытехъуэмк1э амазонкэхэр Тэн 1уфэм 1усащ нэгъуэщ1у жып1эмэ пасэрей адыгэ лъэпкъхэм я лъахэм исащ.Тхыдэм ихъумащ Тыргъэтауэк1э зэджэ меот гуащэм и ц1эри и хъыбарри. Меот гуащэ Тыргъэтауэ синд пащтыхь Джэгъэтей и щхьэгъусэт. Боспор пащтыхь Сатир Синд къэралыр зы1эщ1илъхьэн мурад ищ1ащ абы и жы1эм еда1уэри синд пащтыхьым Джэгъэтей меотыпхъур иригъэк1ыжащ. Тыргъэтауэ меотхэм яхыхьэжри дзэ зэригъэпэщащ боспор пащтыхьымрэ синд пащтыхьымрэ ятеуэри т1уми я дзэр зэхикъутащ. Сатир и ужьк1э пащтыхь хъуа Горгипп ек1ужри 1эщэр игъэт1ылъащ къэралит1ми Синдикэмрэ Боспорымрэ я лъабжьэр т1асхъэ ищ1ауэ…
Аращ тхыдэр щыхьэт зытехъуэр. Нарт эпосми куэдрэ ущрохьэл1э ц1ыхубз зауэшыхэм я хъыбар: зауэл1 фащэк1э хуэпауэ чынтыр зи ныкъуэкъуэгъу нартхэм ядозауэ ахэр уеблэмэ шу пашэ хъуауэ долъагъу. Ар щыхьэт тохъуэ пасэрей тхак1уэхэм зи гугъу ящ1 амазонкэхэм я хъыбархэр зэрымылъабжьэншэм: нарт эпосми нэгъуэщ1 пасэрей адыгэ 1уэры1уатэхэми щыгъуэнэжщ ц1ыхубз зауэшыхэм я хъыбар. Ар дэнэ къэна илъэсищэм нэблагъэк1э ек1уэк1а Кавказ зауэм и тхыдэми ихъумащ ц1ыхухъу зауэл1хэм ядэшэса уеблэмэ шу пашэ хъуа ц1ыхубз хахуэхэм я ц1эрэ я хъыбаррэ.

1.Текстым къитхык1.
2.Тхыгъэр зэрытха стилыр гъэбелджылы.
3. Псалъэхэм я мыхьэнэр гъэбелджылы:пащтыхь,дзэ,емыдж,чынт,синд,грек
4. ИГЪЭТlЫЛЪАЩ-зэрызэхэт 1ыхьэк1э зэпкърых.
5.Илъэсищэ — фонетикэк1э зэпкърых.