26.11-28.11.2022. Кабардинский язык. 7 “Г”, “Е” . Текстым елэжьын.

Благъуэм къыщыщӀар
Къуажэм я псыр зы благъуэ гуэрым иубыдырт. Унащхьэ чэзукӀэ хашурэ зы хъыджэбз иратмэ, псы тӀэкӀу къиутӀыпщырт, итӀанэ иубыдыжырт. Пщым унафэ ищӀри, Батыр а благъуэм деж ягъэкӀуащ.
Батыр щынэблагъэм, благъуэм и Ӏур игъаджэу хуежьащ жьэдилъэфэну. Батыр ар къищӀэщ, къамылым хэувэри, къипиупщӀурэ пхыр-пхыру зэрипхыу щӀидзащ. ИтӀанэ губжьауэ и Ӏур зыгъаджэ благъуэм къамыл пхырыр жьэдидзэу хуежьащ. Ауэрэ, благъуэм жьэдэз щыхъум, Батыр абы шэсри, и тхьэкӀумитӀыр иӀыгъыу тесу, къуажэм къэкӀуэжыну къежьэжащ. Батыр благъуэм тесу, благъуэжьыр гъуахъуэу, и пэ гъуанитӀым мафӀэ бзийуэ къарихум гъуэгунапщӀитӀри илыгъуэу, къэкӀуэжу щалъагъум, къуажэм дэсыр щтэри, тепщи пщылӀи зэкӀэлъхьэужьу дэжри щӀэпхъуэжащ. Батыр благъуэм зэрытесу пщым и пщӀантӀэм дыхьэри, благъуэр игъэджэгуурэ, унэхэри псэуалъэхэри зэтригъэкъутащ. ИтӀанэ благъуэр къыдихужщ, иукӀри, щтапӀэ ихьэжа цӀыхухэр къишэжащ. (Псалъи 110-рэ мэхъу)

Лэжьыгъэхэр:
1. Псалъэхэр фонетикэ и лъэныкъуэкӀэ зэпкърыфх:
Унафэ, ягъэкӀуащ, бзийуэ.

2. Текстым хэт псалъэхэм антонимхэр къахуэфхь:
КъиутӀыпщырт, жьэдидзэрт, къыдихужщ, пщы, гъуахъуэу.

3. Адыгэ псалъэжьхэр и кӀэм нэвгъэсыж:
Нэхъыжь гъэлъапӀи, …
Куэд зэгъащӀэ, …
Жьым еубзи, …
ЗэдэпщӀэ щӀэхщи, …
Уи адэ и щӀапӀэ гъэдахэ, …

Фи махуэ ф1ыуэ! Лэжьыгъэр тетрадым щывгъэзащ1и 29.11. къэфхьыж. Текстыр къифтхык1. Ит1анэщ лэжьыгъэхэм фыщелэжьынур.