25.12.2020.Кабардинский язык. 8 «А», «Д», «Е»(для нач.гр. Коковой Х.Р.) Повторение.

Текстым къеджэ. Зэдзэк1.
… Жилин зеплъыхь, зэпходэ1ук1, к1уэсэжа зэрыхъунум йогупсыс. Зэ уэрамым дохьэ, зэм бжэщхьэ1ум тот1ысхьэри пхъэк1эбжьэк1эм йопэщэщ. Зэми ят1агъуэм гуащэ къыхещ1ык1, зэми матэ ц1ык1у ещ1. Жилин 1эпщ1элъапщ1эт абык1э, сытми хэзагъэрт.
Зэгуэрым абы гуащэ дахэ дыдэ ищ1ащ; пэи, 1эи, лъакъуи хуищ1ыжащ, тэтэр джанэ щхъуэк1эплъык1и щит1эгъэжри гуэщ бжьыхьэк1апэм тригъэуващ.
Тэтэр ц1ыхубзхэр псыхьэ здэк1уэм, Динэ гуащэр къилъэгъуащ. Гуэгуэнхэр я дамащхьэм трахауэ гуащэм псори йоплъ, мэдыхьэшх. Жилин гуащэр яхуеший. Iахын дзыхь ящ1ыркъым, къэ1эбэн къахэк1ыркъым. Гуащэр игъэуври, Жилин гуэщым щ1ыхьэжащи, гъуанэм къыдоплъ.
Динэ къыбгъэдэлъэдащ, гуащэр ипхъуатэри щ1эпхъуэжащ.
Пщэдджыжьым плъэмэ, Динэ бжэщхьэ1ум къытеуващ, и 1эпл1эм гуащэр илъщ. Ихуэпащ гуащэр, сабийм хуэдэу щ1еупск1э, гущэкъу уэрэд жре1э, егъэудэ1у. Фызыжь гуэр унэм къыщ1эк1ащ. Ар хъыджэбз ц1ык1ум къыщ1эк1иящ, гуащэр 1эщ1ичри хыф1ихуащ, езыр зыщ1ып1э игъэк1уащ.