Ебланэ классыр къэзухыхукӀэ хьэкъыу си псэм пхыкӀауэ сщӀэрт хъыджэбз цӀыкӀу ныбжьэгъу пщӀын дэнэ къыщына, ауэ укъыбгъэдэувыӀэу мамыру уепсэлъэн къудейм емыкӀушхуэ зэрыпылъыр. Хъыджэбз цӀыкӀу гуэрым и гъусэу еджапӀэм укӀуэу е укъэкӀуэжу щӀалэ цӀыкӀухэм укъалъэгъуамэ, уи Ӏуэхур зэӀыхьауэ арат. ИтӀанэ абыхэм дзы куэд къыпфӀащынут, я Ӏуэхуи я псалъэмакъи ухамыгъэхьэжу псоми я щӀыб къыпхуагъэзэнут.
Хабзэ тхуэхъуати, зэкъуэхуауэ къытӀэрыхьамэ, дазэрещхьэфэуэн, яӀыгъӀамэ, къазэрытетхын, сытми Ӏэмал зэриӀэкӀэ я жагъуэ зэрытщӀын, зэрыдгъагъын дыхэтт. А хъыджэбз цӀыкӀу къомыр сэ зыкӀэ къысщышынэрти, кӀуэ аракъэ, я псэр хэзыхынур сэра къыпфӀэщӀынт. Махуэ къэс Еленэ Максимовнэ диущийрт абы теухуауэ, ауэ зыри ди тхьэкӀумэм къихьэртэкъым.
Ауэ иджы а Ӏуэхум нэгъуэщӀу сеплъ хъуат. Сэр дыдэм си фӀэщ мыхъужу си хьэлым зихъуэжат, жыжьэу зэщхьыжыртэкъым, хэбгъэзыхьмэ, хъыджэбз цӀыкӀухэм алъандэрэ яхудиӀа щытыкӀэри делагъэу къэслъытэжат. А зэхъуэкӀыныгъэ псоми, дауикӀ, щхьэусыгъуэ гуэри яӀэщ. ГъащӀэм еплъыкӀэщӀэхэр хузиӀэ хъуат. (Псалъи 128-рэ мэхъу)
Лэжьыгъэхэр:
1. Текстым псалъащхьэ хуэфщӀ.
2. ЕтӀуанэ псалъэухам къыщыкӀуэ «еджапӀэм» псалъэр морфологие и лъэныкъуэкӀэ зэпкърыфх.
3. Текстым омоним зиӀэ псалъэу тху е нэхъыбэ къыхэфтхыкӀ, абыхэм къарыкӀыр къыжыфӀэ.
Фи махуэ ф1ыуэ! Лэжьыгъэр тетрадым щывгъэзащ1и 29.11. къэфхьыж!