1.Адыгэ 1уащхьэжьхэр Кавказ Ищхъэрэхэм хуабжьу щыкуэдщ.2.Абыхэм къагъэлъагъуэ мэуэтхэр лъэпкъ лъэщу зэрыщытар.3.А 1уащхьэхэр ди лъэпкъым и блэк1ахэм я чэщанэжьхэщ, мыхьэнэ я1эр инщ ,ди лъэпкъым и пирамидэхэщ ахэр!4…5.Апхуэдэу щыщытк1э адыгэ 1уащхьэжьхэр дызэрыхуейм шэч къыщ1ытепхьэн щы1экъым.6.Ауэ дигу къызэреуэщи а 1уащхьэхэр зэхэкъутэныр зэхэдыгъуэнур нобэркъызэдэсым щагъэтакъым.7.Псом хуэмыдэу колхозхэм совхозхэм ухуак1уэ хъызмэтхэм экскаватор бульдозер лъэщхэр къа1ырыхьэ щыхъум адыгэ 1уащхьэжьхэм лъапсэихыр къыхуахьу щ1адзащ.8.Псалъэм папщ1э Къэрэшей-Шэрджэсым щы1э Сарытюз къуажэм и гъунэгъуу адыгэ 1уащхьэ заул щызэхакъутэри зэхадыгъуэжауэ щытащ.9.Али-Бэрдыкъуэ къуажапщэм пэмыжыжьэу щыта 1уащхьит1ым яз…ми иращ1ар аращ.10Хьэбэз райводхозым и базэр щаухуэм зэхакъута 1уащхьэ ц1ык1ум къыщ1эк1ауэ хьэпшып хьэкъущыкъу ,1эджэ хэк1уэдауэ щытащ.11.Зи гугъу тщ1а Сарытюз къуажэбгъум щыта 1уащхьэ гуэрхэр 1эщ лъакъуэмрэ псыдзэмрэ зэхакъутэри абы къыщ1иха дыщэ хьэпшып ц1ык1уф1эк1ухэр псыхъуэм къыщалъыхъуэурэ къэрэшей къуажэдэсхэм махуэ бжыгъэк1э зэбграхыжащ.12.Адыгэ 1уащхьэжьхэр щраулъэпсык1ащ Адыгэхьэблэ Прикубан районхэм дежи.13.Къэрэшей-Шэрджэсым (и) мызакъуэ адыгэ 1уащхьэхэр щызэхакъутэ Ставрополь Краснодар крайхэми.14. Ауэ псом нэхъ 1е…р иужь илъэсхэм щ1эин хъунщ1ак1уэ 1эбжьанэ ф1ейхэр къызэрежьарщ.
15.Лъэпкъым гууз (лыуз) хузи1э дэтхэнэ … 1уащхьэжьхэр зэрызэхакъутэм къызэрахъунщ1эм…
16.Лъэпкъым и хъугъуэф1ыгъуэхэр къэхутэжыныр, ар губзыгъэу зэпкърыхауэ езым и пащхьэ илъхэжыныр зыгъэзэщ1эну зи пщэ дэлъыр ди адыгэ щ1…лэгъуалэращ.17.Ди щхьэ 1уэхур дэ зедмыхьэжмэ хамэр къак1уэу тхузэрихьэнукъым хамэм зэрихьэу щытми и к1эм хунэгъэсынукъым лъэпкъми гунэс щыхъунукъым.
18.Адыгэ 1уащхьэжьхэр хэмык1уэдапэ щ1ык1э, зэхамыдыгъуапэ щ1ык1э тхыдэ щ1эныгъэм, археологием нэхъыбэу хуегъэджэн хуейщ мы 1уэхум гууз (лыуз) хузи1э адыгэ щ1алэхэр.
1.Текстым нэгъуэщ1ыбзэм щыщу адыгэбзэм къыхыхьахэр къыхэтхык1.
2.Фразеологизмхэр къыхэтхык1
2.Глаголищ къыхэтхык1и деепричастие къатегъэк1 ещанэ щхьэм иту.