Фи махуэ ф1ыуэ,ц1ык1ухэ! Ди жагъуэ зэрыхъущи, тхьэмахуэ блэк1ам фи пащхьэ ита къалэнхэм щыщу зыри вгъэзэщ1акъым. Ар къызыхэк1ар гуры1уэгъуэкъым. Къывгурымы1уами,1эпэдэгъэлэл фщ1ами, фыхунэмысами сыщыгъуазэкъым. Апхуэдэу щыщытк1э, унэ лэжьыгъэ фи1ар къыфхуонэж. Оценкэ къэфхьынур зы баллк1э згъэмэщ1энущ.
Лэжьыгъэр вгъэзэщ1эн щхьэк1э, адыгэбзэмк1э, адыгэ литературэмк1э щ1эныгъэ зэвгъэгъуэтахэр фи нэгу къыщ1эвгъэхьэжын хуейщ. Фи пащхьэ ит къалэнхэр вгъэзащ1эмэ,шэч хэмылъу,
абы къыпэк1уэну оценкэхэр ет1уанэ илъэс ныкъуэм къэфхьахэм хыхьэнурэ къыдрищ1еинущ.
(1)Бжьыхьэт.(2)Сэ сытым хуэдэу ф1ыуэ слъагъуу уф1эщ1рэ бжьыхьэр,псом хуэмыдэу щыуэф1ым деж.(3)Бжьыхьэм дунейри къабзэщ,псыми ущызэк1эщ1оплъ.(4)Гъэмахуэм псыри мэутхъуэ,хьэуари сабэм иуащи бэуэгъуэ бгъуэтыркъым.(5) Дунейри зэхозэрыхь,ц1ыхухэри зэрызохьэ.(6)Гъэм и зэманхэм щыщу бжьыхьэм пэсщ1 щы1экъым.(7)Сэ сыщыц1ык1уми бжьыхьэр ф1ыуэ слъагъуу щытащ. Бжьыхьэм псым и лъащ1эм щ1элъ мывэхэр плъагъуу къабзабзэщ.Пшапэр зэхэуэу,уэздыгъэхэр щ1агъанэу щ1адза нэужь,сэ зыми гу зылъезмыгъатэу,щэхуу сыщ1эк1ыурэ,псым сеплъыну сык1уэрт…
1. 1-5-нэ псалъэухахэм щхьэ зимы1э псалъэухар къыхэфтхык1.
2.Деепричастнэ оборот зыхэт псалъэуха къызэрык1уэр къэвгъэлъагъуэ.
3.Ц1э-сказуемэ псалъэухахэм я бжыгъэр тхын.
4.Зэман псалъэуха гуэдзэ зи1э псалъэуха зэхэлъ-зэпхар къэгъэлъэгъуэн.
5.Текстым хэт псалъэуха къызэрык1уэхэр къыхэфтхык1.
6.Хьэхъупащ1э Хьэжбэчыр и «Гур зыщ1эхъуэпс » романым и темэмрэ и идеемрэ(гупсысэ нэхъыщхьэмрэ) фыубзыху.