24.09.2022г. Адыгэбзэ 9 “Д”. Псалъэ занщ1э.

Псалъэ занщ1эк1э зэджэр, авторым и псалъэхэр зищ1ысыр абыхэм щагъэув нагъыщэхэм 5-нэ классым щыдджауэ щытащ.
Мыгуры1уэныгъэ гуэр къыхэк1мэ правилэм зыщывгъэгъуазэжи мы лэжьыгъэр вгъэзащ1э

Псалъэ занщ1эр псалъэ зэдзэк1ам хуэгъак1уи тхы.

1.”Уэркъыр и псалъэ епц1ыжыркъым,-жэуап итыжащ Хьэрычэт.-Псалъэ пты щыхъунур ар зэрыпхузэф1эк1ынум шэч лъэпкъ къыщытумыхьэжым дежщ.

2.Сижажэ Къылшыкъуэ жи1ащ “Мыл1эжынур 1эщ1агъэ дахэщ, дунейм и дахап1эр акъылщ”.

3.”Гъащ1э уи1эхук1э пэжым тетыф, уи ф1ыр ц1ыху лъэпкъым егъэк1″- жи1ащ Пащ1э Бэчмырзэ.