22.12.2020. Кабардинский язык. 8 «А», «Д», «Е( нач.гр. Коковой Х.Р. ). Повторение.»

Щ1ымахуэ.

Къепсыхащ Щ1ымахуэ
Дыжьыныфэр,
Щ1ылъэр уэс чэсейк1э
Зэщ1ибгъащ.
Губгъуи мэзи махуэм
Егъэбжьыф1э,
Жэщк1э зэхек1ухь
Жылагъуэу хъуар.

Къыщ1эк1ащ Щ1ымахуэр
Сурэтыщ1у,
Сеплъри ди щхьэгъубжэм –
Ар къэсщ1ащ.
Тхыпхъэщ1ыпхъэ абджым
Трищ1ыхьыр
Дуней псом и теплъэу
Къыпхыщащ.