21.11.2024г. Адыгэбзэ 11 «Б» «В». Синонимхэр.

Синонимхэр.
Къитхык1, хьэрф дэгъэхуахэр дэгъэувэж,къыхэгъэбелджылык1ауэ къэк1уа псалъэхэр абыхэм синоним яхуэхъу псалъэк1э зэпхъуэк1ыурэ.

Гъуэгурык1уэхэм мащ1эу загъэпсэхури гъуэгу теувэжащ.

Гъуэгу 1уфэм 1ут щиху абрагъуэхэм я ныбжьыр жыжьэ идзырт.

Псоми жьауэ лъэныкъуэмк1э зратауэ к1уэрт.

Япэ ит пщащэм уэрэд дахэ къыхидзащ.

Уэрэдым и псалъэхэр ф1ыуэ зымыщ1э хэтми, псоми зэрахузэф1эк1к1э дежьурт.

Иужьым псоми чэзууэ къыхадзэу щ1адзащ.

Гупыр инт-ц1ыху щэщ1ым нэсынут.

Ахэр ф1ыуэ къуажэм пэ1эщ1э хъуат, уэшх къыпхидзу щыхуежьам.

Ауэ иджыри 1упщ1у плъагъурт унащхьэхэм къытеп1иик1 антеннэхэр.

Ет1уанэу къыщыувы1эн хуей щ1ып1эм ахэр и чэзууэ нэсащ.