Къитхык1,цифрэк1э тхы бжыгъэц1эхэр псалъэк1э тхыурэ.
1961 гъэм апрелым и 12-м ц1ыхухэм къыхузэ1уахащ космическэ уэгум зэрык1уэ гъуэгур.А зэманым космическэ кхъухьым-спутникым къызэрилъытар дакъикъи 108-к1эщ, ауэ абы я ф1эщ ищ1ащ ц1ыхум гъунапкъэншэу 1эмал зэра1эр.
“Восток-2” ису 1961 гъэм щылъэтам щыгъуэ,космонавт Герман Титов уэгум итащ сыхьэт 25-м щ1игъук1э. А зэманым къриубыдэу абы щ1ым и хъуреягъыр 17-рэ къилъэтыхьащ.
Абы къык1элъык1уэу щагъэлъатэм щыгъуэ,космонавт Андриан Николаевым сыхьэт 95-м къриубыдэу щ1ым и хъуреягъыр 64-рэ къилъэтыхьащ. Космонавт Павел Попович сыхьэт 71-м щ1ым и хъуреягъыр 48-рэ къилъэтыхьащ. Уэгур къэхутэныр адэк1и ирагъэк1уэк1ащ Валерий Быковский, Валентинэ Терешковэ сымэ ярысу “Восток-5”, “Восток-6” кхъухьхэм зэгъусэу 1963 гъэм июным къыщалъэтыхьам щыгъуи.