20.11.2021г. Кабардинский язык 9 «В» «Д». Дополненэ, подлежащэ псалъэуха гуэдзэхэр.

Псалъэухахэр къифтхык1, зыщыщ гуэдзэ л1эужьыгъуэр псалъэухам и щхьэм тефтхэ.

1.Ди ц1ыхубэм сыт хуэдэ л1ыхъужьыгъэрэ бэшэчагъэрэ хэлъми, Хэку зауэшхуэм къигъэлъэгъуащ. 2. Абы къищ1эну хэтщ, зэрыщхьэукъуэрэ сыт хуэдиз зэман к1уами. 3.Хэт жи1эм темытыжми, ар ныбжьэгъу хъункъым ик1и укъигъэпэжынкъым. 2. Хэт тхылъыр ф1ыуэ илъагъуми, ар щ1эныгъэм и ныбжьэгъущ. 3. Хэт пщэдджыжьк1э жьыуэ къэтэджу хьэуа къабзэм хэтми, абы махуэр нэхъ нэжэгужэу егъак1уэ. 4. Хэт псалъэ быдэ итми, абы ар игъэпэжын хуейщ. 5.Трактористхэм дауэ махуэ нормэр ягъэзэщ1ами, ар къэзыгъэлъагъуэр блыным къыф1эдзащ. 6. Ц1ыхум сытхуэдэ 1уэху илэжьми, гъащ1эр зэреф1эк1уэным, псэук1эр дахэ зэрыхъунум хуэунэт1ауэ щытын хуейщ. 7. Уэ сыт хуэдэ хъуэпсап1э, гугъэ, 1уэху уи1эми, псори ф1ым хуэунэт1ауэ щрырет.