20.11.2020г. Кабардинская литература .5 «А», «Б», «Г», «Д», «Е», «Ж», «З» кл. К1ыщокъуэ Алим и биографиер.

20.11.2020 г. Кабардинская литература 5 "А" ,"Б" ,"В" ,"Г" ,"Д" ,"Е" ,"Ж" ,"З" кл. К1ыщокъуэ Алим и биографиер. (осн.гр.)

Фи махуэ ф1ыуэ,ц1ык1ухэ!
Адыгэ 1уэры1уатэр джыным хухаха сыхьэт бжыгъэр духащ.1уэры1уатэр зищ1ысыр,абы и ныбжьыр, ц1ыху гъащ1эм абы щи1э мыхьэнэм и инагъыр,нэгъуэщ1 щ1э куэди а 1уэхугъуэм теухуауэ урокхэм къыщыфщ1ащ.Псом хуэмыдэу адыгэ псысэхэр гурыхь,гунэс зэрыфщыхъуар фи жэуапхэм хэслъэгъуащ.
Ноби ди псалъэмакъыр зытеухуауэ щытынур псысэщ(таурыхъщ), ауэ ар 1уэры1уатэм къыхэтхакъым,ат1э усак1уэм(К1ыщокъуэ Алим) и 1эдакъэм къыщ1эк1ащ. Урокищ тедгъэк1уэдэнущ К1ыщокъуэ Алим и биографие к1эщ1ымрэ абы и «Елбэздыкъуэ» псысэ гъэщ1эгъуэнымрэ.Хуэмурэ фыкъеджэнщ,къывэгугъуэк1 псалъэхэм я мыхьэнэхэр псалъалъэм къыщывгъуэтынщ.Къэвмыгъуэтыф хъумэ,псалъэ гугъухэр литературэмк1э тетрадхэм ифтхэнщ. Классым дыщызэхуэзэжа нэужь,сэ къывгурызгъэ1уэжынщ.Псалъэхэр столбикыу къефтхых,иужьк1э я мыхьэнэхэр пыфтхэжыфын хуэдэу.
Иджыпсту биографиемк1э тест лэжьыгъэхэр ныдолъхьэ.Тхьэмахуэ псо фи1эщ абы фелэжьыну.