Нобэми ныжэбэми а щытык1эм тету Бышэ маплъэ Хьэутий къэк1уэжыну,ауэ иджы аргуэру нэгъуэщ1 зы хьэл къищтащ щ1эуэ. Зы жэщ гуэрым Бышэ и щхьэр з.ф1иудыжу нэху къек1ащ. -Ар сыту телъыджэт! Дауэ с1эщ1эгъупщык1ынк1э хъуа ар? Хьэутий къ.к1уэжмэ, псы куэду зэрыхуеинур щхьэ сигу къ.мык1арэ? Хьэутий къ.мысыжу ар игу къызэрык1ыжам иригуф1эу, Бышэ псы къэхьын щ1идзауэ мы.вы1эу псы къехь иджы. Къехь нобэр къыздэсым щимыгъэтыжауэ: щыуэф1ми, щыуе.ми, гъэмахуэми, щ1ымахуэми.-Хьэутий къэк1уэжрэ псы хуей хъумэ, «Мис ди1эщ», жыс1энщи, фыз пщаф1эхэр згъэгуф1энкъэ!- же1э Быши абыи ирогуф1эж. Пщэ.джыжьым жьыуэ щ1едзэри к1ыф1 къытехъуэху псы мыгъуэр къелъэф фызыжьым, ц1ык1у къыхуэзыхьу. щытахэм къатрихыжауэ. Псы къихьар зрик1э хъуну я1э псом из ищ1. нэужь, япэ зрик1ар ирек1утыж, «Хуабэ хъуащи, Хьэутий игу ирихьынкъым, ефэн хуей хъумэ»,- же1эри. Ирик1утам и п1эк1и псыщ1э къехьыж. Псыхьэ гъуэгум ц1ык1ууи инуи тесым къащ1ащ а псыхьэ фызыжьым и насыпыншагъэри, нэхъ гумахэ1уэхэм я нэпс къаф1ызыпежыхь , нэхъ пхъашэхэр фызыжьым и н.щ1ыбагък1э и къуэм къобг: Щ1ап1э к1уэдыр къыхук1уэ апхуэдэкъуэ!»- жа1эри. Псыхьэ гъуэгум тет ц1ык1ухэм махуэ псом псы зыхь фызыжьым гу лъатащи, зыми къыщызэхамыхым деж, «Псыхьэ нанэщ къызэреджэр. Аращ Бышэ и жьыщхьэ къалэн хуэхъужар; и нэм нэху илъ.гъуху псы къехь, ирек1утыжри 1утщ, и жьыщхьэ «Дисэ» хъуным и п1эк1э «Псыхьэ нанэ хъуащ.
1.Хьэрф дэгъэхуахэр дэгъэвэж.
2.Рассказыр зытхар?
3. Телъыджэ,къелъэф,1эщ1эгъупщык1ын,насыпыншэ,гумахэ- синоним къахуэхьын.