19.09.2025г. Кабардинский язык. 8 «В» (осн.гр.). Синтаксис.

Фи махуэ, ц1ык1ухэ! Псалъэухахэм хэт союзхэр щ1эфтхъэ.

Унэ гуэгушхэм нэхърэ т1эк1у нэхъ есщ, нэхъ сабафэщ губгъуэ гуэгушыр. Убгъэдэмыхьэпауэ гу лъыптэнукъым абы. И гъащ1эр щигьак1уэ бгыжьхэм ещхьу гъуабжэщ, ауэ и бгъэгур хужьщ. Псэущхьэ дахэщ, зэк1ужщ.
Абыхэм я уэрэдым къуак1эри бгык1эри щагъэбжьыф1эр гъатхэр къыщыблагъэм дежщ, гъуэлъхьэжын ипэ1уэк1э. Узыпэ щхъуант1эр дыгъаф1эхэм къытрик1утауэ, гуэгуш анэхэр адэк1э — мыдэк1э мывэ лъабжьэхэм къыщ1ок1ыжри шыр бгъурыбгъу-пщ1ырыпщ1 я ужь ищ1ауэ къырым к1эрохьэжыр. Губгъуэ бабыщ шырыр ныбгъуэ шырым ещхьыркъабзэщ, ауэ т1эк1у нэхъ п1ащэщ, псынщ1э дыдэуи къырым къыщежыхь.