22.05.2024г. Кабардинский язык. 11 “Б” (осн.гр.). Къытегъэзэжыныгъэ.

Текстыр къифтхык1. Макъзешэхэр щ1эфтхъэ. Зэпкърыхыныгъэ зэмыл1эужьыгъуэхэр евгъэк1уэк1.

Жыгышхуэ гуэрым и щ1агъым зыщызгъэбыдауэ губгъуэм, уафэм сыздеплъым, мы жыгит1ым си нэр ихуозэ. Щытт а т1ум я закъуэ. Къак1уэ1эмэ, плъэ, жа1эу ягъэува нэхъей… Пшапэ захэуэгъуэ хъуа хуэдэщ. Уафэгъуагъуэм увы1э и1экъым, щыблэр мауэ. Сыту бэлыхьышхуэ ятелът жыгит1ым. жыгыжь ку гъуанэм и пкъы махэр зэф1и1уэнт1ык1ыу къыпщохъу. Арщхьэк1э быдэу ит жыгыщ1эм тощ1эри къызэтонэ. Абы сеплъу сыздэщысым, зыгуэрым щэхуу жес1ам хуэдэу, си щхьэ сыхуо1ущэщэж: “Сыту ф1ыт абы щыгъуэ мамэ гу къыслъитэу сыкъызэригъэувы1ар.”