Тхыгъэм хэт причастиехэр къэвгъуэти зы екъуак1э щ1эфтхъэ. Япэ псалъэухар синтаксис и лъэныкъуэк1э зэпкърыфх.
Къигъэнакъым 1эгъуэблагъэм зэмыджа сохъустэ.Ар бэкхъымк1э к1уащ, абы еупсея пхъэ к1ыхьыр лъэныкъуэк1э иригьэк1уэтэк1ри к1эригъэувэжащ, 1уэбжэм деж зыри заран хуэмыхъуу щылъ мывэри 1уигьэк1уэтащ. Абыхэм яхэтащ кхъухьлъатэ куэд зытет авианосец ини. Абы и теплъэм занщ1эу къыбжи1эрт а щ1ып1эм исхэм я гуэныр зэрымынэщ1ыр, зыхуэныкъуэншэу зэрыпсэур. Си 1уэху жызы1эм пц1ыхэр яупс. Уэнжакъ темытыжу 1угъуэм ф1ыц1э ищ1а кхъуэщын зытель унэр здэщыт лъэныкъуэмк1э зы л1ы гуп къыдэк1ащ, молэ Саидрэ зы хьэжы лъэбышэрэ я пэм иту. Аращ, нэк1у зэлъам хуэдэу абы и щ1ыфэр щ1ызэлъар. Къигуф1ык1 и гум зэтригьэж 1упэхэр ерагък1э зэтри1ыгъэу, Софят гум бгъэдэт л1ыжьым бгъэдохьэ.Псыр гъэмахуэм зэрыщтам и 1ыхьэ пщ1ани мыхъужу жэщ1ыжат, щхъуант1э хъуати, и лъэгум илъ мывэ гъуабжэ жьгъейхэр хуиту къызэпхыщырт.