16.11.2020г. Кабардинский язык. 5 “А”, “Б”, “В”, “Г”, “Д”, “Е”, “Ж”, “З” кл.(Основн. гр). Псалъэ зэпхахэр. Псалъэхэр къызэрыхъу, зэхъуэк1а зэрыхъу префиксхэр, суффиксхэр.

Фи махуэ ф1ыуэ, ди еджак1уэ лъап1эхэ!Зыгъэпсэхугъуэ зэманыр псынщ1эу блэлъэтащ,еджэныгъэм щыщ1эвдзэжын хуей п1алъэри къэсащ.Ди жагъуэ зэрыхъущи,ар дызэ1эпэщ1эу едгъэк1уэк1ын хуейуэ ди пащхьэм къалэну къоувэ. Дауик1, апхуэдэ урок егъэк1уэк1ык1эм фэри дэри дыпэплъакъым ик1и дыхуеякъым.Ауэ дызэрымылъагъуу ик1и дызэпэ1эщ1эу урокхэр едгъэк1уэк1ын щыхуейк1э,ар ек1уу къызэгъэпэща зэрыхъуным ди къару псори хузэщ1эдгъэу1уапхъэщ.
Япэрауэ,вгъэзэщ1эну лэжьыгъэхэр гимназием и сайтым итлъхьэнущ. Ахэр тэмэму вгъэзэщ1энымк1э сэбэп къыфхуэхъунущ егъэджак1уэм и пэублэ псалъэр. Абы щыгъуазэ зывмыщ1у къэвмыгъанэ,сыту жып1эмэ фи пащхьэм итыну тест лэжьыгъэхэм фазэрыпэлъэщын 1эмалщи.
Нобэк1э фызэджахэр къэфпщытэжынщ.Псалъэм папщ1э, псалъэ зэпхахэм, псалъэ къызэрыхъу, зэхъуэк1а зэрыхъу префикс, суффиксхэм феджэжынщ махуэку къак1уэ пщ1ондэ.Махуэкум (четвергым) а темэхэмк1э тест лэжьыгъэхэр ныфхуедгъэхьынущ.