16.09.2023г. Кабардинский язык. 8 “А” (осн.гр.). “Адыгэ алфавитым и тхыдэ”.

1.Текстым къеджэ. Текстым къыхэтхык1 щы1эц1и 5,плъыфэц1и 5, глаголи 5.

19-нэ л1эщ1ыгъуэм и япэ 1ыхьэм алфавит зырызхэр зэрагъэпэщ Нэгумэ Шорэ Хъан- Джэрий ик1и нэгъуэщ1хэми. 20-нэ л1эщ1ыгъуэм и ет1уанэ 1ыхьэми лъэпкъ щ1эныгъэл1 щхьэхуэхэм тхыбзэ зэхалъхьэ, анэдэлъхубзэк1э алыфбейхэр япэ дыдэ къыдагъэк1, еджап1э зырызхэм щадж мэхъу.Тыркумрэ хьэрып къэралыгъуэхэмрэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми алыфбейм къыщызэтемыувы1эу зэджэн тхылъхэри , “Гъуазэ” япэ адыгэ газетри къыдагъэк1ыу щ1адзэ. Ауэ а л1эщ1ыгъуэм зэрагъэпэща тхыбзэхэр лъэпкъым и ц1ыхухэм зэдэууэ къащтэу ехьэжьауэ къагъэсэбэп хъуакъым.
Тхыбзэ зэхэлъхьэным нэхъ пасэу яужь ихьа языныкъуэхэм я алфавитхэр ди деж къэсакъым.Нэгумэ Шорэ и лэжьыгъэ , псалъалъэмк1э и алфавитым дыщыгъуазэ мыхъумэ, абы и алыфбейри и зэманым анэдэлъхубзэк1э къыдэк1ауэ щытакъым.
Япэ адыгэ алыфбейр дунейм къыщытехьар 1855 гъэрщ, ар къыщыдэк1ари Тифлисщ.Ар зи 1эдакъэщ1эк1 Берсей Умар, щыпсэуа зэманым тепщ1ыхьмэ, щ1эныгъэ куу зыбгъэдэлъа , гъащ1э гъуэгуанэ гугъу къэзык1уа ц1ыхущ.Берсейм и япэ алыфбейр зытещ1ыхьауэ щытар хьэрып алфавитырщ.
Урыс щ1эныгъэл1 ц1эры1уэхэм щадэлэжьа илъэсхэм абы ет1уанэ алфавитыр зэхелъхьэ урыс алфавитым тещ1ыхьауэ.
Алыфбей- алфавит.
2. Гугьу псалъэр фонетикэ и лъэныкъуэк1э зэпкърых.